[go: up one dir, main page]

Jump to content

ХъупӀэжьец

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ХъупӀэжьец
ХъупӀэжьец
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къэргъей теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къашыргъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Жьец лъэпкъыгъуэр
ЛӀэужъыгъуэ: ХъупӀэжьец
Латин цӀэр
Circus pygargus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхэр
    здэӀэпхъуэжыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}
Circus pygargus

ХъупӀэжье́ц (лат-бз. Circus pygargus) — къашыргъэ лъэпкъым хыхьа жьец гупым щыщ псэущхьэшх къуалэбзущ.

Зи ныбжыр илъэсиплӀым нэса, е щӀигъуахэм я теплъэр: тхыцӀэр гъуабжэ-къащхъуэщ, кӀащхьэр хужьщ, кусэ гъуэбжафэхэр, е щхъуэхэр хэсу. Жьэгъумрэ бгъащхьэмрэ хужь-щхъуафэщ, дамэкӀэ къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэщ, абым ящхьэкӀэ щыӀэхэр дыжьыныфэ-щхъуэщ, дамэ щӀагъхэм кусэ фӀыцӀэхэр зэпрокӀ. Ныбэ щӀагъым, джабэхэм хужь ӀэпапӀэ гъуафэхэр хэлъщ.

Нэхъыбэу уздэпэщӀэхуэр псынэхэм, псыежэххэм, хыкъумхэм я гъунэ къэкӀыгъэ Ӏувхэм, жыг закъуэхэм ядеж.

Абгъуэ здищӀыр щӀыгъурщ псым пэмыжыжьэу. Шырхэм зыщэӀэтыр я ныбжьыр махуэ 40-м щӀыгъумэщ.

Яшх гъубгъуэдзыгъуэ, къуалэбзу шыр, шындырхъуо, хьэндыркъуакъуэ, блэ, гъудэбадзэ пӀащэ.

Щопсэу Еуропэм, Азиэ Курытым, Сыбырым, Ищхъэрэ Африкэм. ЩӀымахуэр щрах Индиэм, Пакистаным, Ипщэ Африкэм и лъэныкъуэхэм. Ищхъэрэ Къаукъазым икум щыгъуалъхьэхэм лъэтэжын яублэ шыщхьэӀум, щӀымахуэр щизых зэрызхэри къахокӀ.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.